7


  • Учителю
  • Театрализованное представление на кабардинском языке Бажэ пшынэ

Театрализованное представление на кабардинском языке Бажэ пшынэ

Автор публикации:
Дата публикации:
Краткое описание:
предварительный просмотр материала



МУНИЦИПАЛЬНОЕ КАЗЕННОЕ ОБЩЕОБРАЗОВАТЕЛЬНОЕ УЧРЕЖДЕНИЕ

«СРЕДНЯЯ ОБЩЕОБРАЗОВАТЕЛЬНАЯ ШКОЛА с.п. КАМЛЮКО»





















Театрализованное представление

на кабардинском языке в подготовительной группе





«Бажэ пшынэ»



































2016г.





«БАЖЭ ПШЫНЭ»



Сабийм:

- Хабзэ дахэу дэ ди лъэпкъым 1эджэ мэхъур къыдежьар.

- Ди сэламырщ дэ а къомым къыщ1эдзап1э яхуэтщ1ар.

- Дыгуф1эжу нобэ «Фыузыншэм» дэ вжыдо1э.

- «Дыхъэрзынэщ», - ар жэуапмэ, нэхъ ди гуапэ зы щымы1э.

- Гъуэгурык1уэм ар къитамэ, Дыкъотэджри къы1ыдохыр.

- Нэхъыжьыф1хэм дахуэзамэ, щхьэр догъэщри ар ядохыр.

-Фэрыщ1 хэлъкъым ди сэламым,

-Пэжк1э ди гум ар къегъэщ1.



К!эпхъ

Хъыбарегъащ1э,хъыбарегъащ1э,

хъыбар псоми фызогъащ1э

нобэ махуэ лъап1эщ

Сабий садым ящ1 унафэ

мэзым щ1эсхэр ирагъэблагъэ

Тхьэк1умэк1ыхь:

Сыщымыуэм зэхэсхащ

Нобэ икъук1э махуэ лъап1эу

Сабий садым дашэ хьэщ1эу

Дэнэ щы1э си ныбжьэгъухэр

Сэ 1энэщ1у сахыхьэну?

/мэгупсысэ/ Пшынэ ц1ык1ур яхуэсхьынщ

Т1эк1уи садэджэгунщ.

/гъэгу тоувэ/

Уэху, сыту махуэ хуабэ, дыгъэр сыту гуащ1э,

Пшынэ ц1ык1ур згъэт1ылъынщ,псынэпс щ1ы1и сыкъефэнщ

Си гъуэгу к1ыхьым хэзгъэщ1ынщ.





/Уд фызыжьыр къыщ1олъадэ./

Уэ пхуэфащэ сэ сыхъуннщ

Зэран к1эщ1к1и сыпхуэхъунщ

1эпэ пшынэри згъэпщк1унщ,

Мурад пщ1ахэр 1эщ1ыб сщ1ынщ!





/Тхьэк1умэк1ыхьым Къелъыхъуэ пшынэ ц1ык1ур/

Дэнэ щы1э 1эпэ пшынэр?

Хэт зэран сэ къысхуэхъуар?

Алыхьышхуэм щымышынэу

Си мурадыр к1ыф1 зыщ1ар?

К1эпхъ:

Умынэщхъей, Тхьэк1умэк1ыхь,

Мэзым и псэущхьэ ц1ык1у

1эпэ пшынэри къэбгъуэтыжынщ

Ц1ык1ухэми хьэщ1эу уахуэк1уэнщ!

(Я 1эр зэры1ыгъыу щ1ок1).

Уд фызыжььыр:

1эпэ пшынэ сэ сыхуей? (пшынэр егъэт1ылъ)

Жыс1а псалъэр згъэпэжынщ

Фи лъэужьым сэ симык1ыу

Сабий садым нэс сыфшэнщ

Фэ фхуэфащи сэ сыхъунщ. (Я ужьым иту щ1ок1)

(Бажэм къегъуэт 1эпэ пшынэр, и к1эр делъэ)

Уд фызыжььыр:

Мыдэ феплъыт, мыбдеж щысу,

1эпэ пшынэр зыгъэджэгум,

дэнэ къипха 1эпэпшынэу

мы дахащэу уэ узэуэр?

Бажэм:

Къэзгъуэтащ, зэ къытехьи къафэт

Уи лъэгу дыщ1эгъэплъыт

(Макъамэр къоуэ, уд фызыжьыр къофэ)

Си гур къоху,мэбэрабзэ,

Си гур щабэ хъу и хабзэ?

Зэран сыхъуну сигу ислъхьамэ,

Сымыщ1эну сэ си хабзэ?

(Тхьэк1умэк1ыхьымрэ к1эпхъымрэ къохьэ)

К1эпхъ:

Еплъыт, еплъыьт, мес уи пшынэр,

Бажэм и1ыгъщ 1эпэ пшынэр!





(Уд фызыжььым зегъэпщк1у)

Тхьэк1умэк1ыхьым:

Къыдэтыж мы пшынэр бажэ,

Яхуэтхьынущ ар сабийхэм.

Бажэм: Сэри сыздэфшэну?

К1эпхъ: Къыдэптыжмэ уздэтшэнщ!

(зэгъусэу щ1ок1хэр)

Сабийхэр мэджэгу «Атэн-атэн» жыхуи1э джэгук1эм.

- Ал- мэлэч!

-Ал-чэрим!-жэуап къатыж адрейхэм.

-Атэн-атэн!- маджэ япэхэр аргуэру.

-Атэн дыгъужь!-къыпадзыж абы.

-Дыгъужь зэман, - жа1э япэрейхэм.

-Атэкъыни, мэтэкъыни,

Зигъэназэу,зигъэзууэ

Мурат кърежи зэпреуд!





Сэтэней къохьэ.

Фи гугъати нобэ ц1ык1ухэм

Псысэ зи ц1эу фи хэку дахэм

Си лъэпкъ хахуэм Зык1и игугъу фымыщ1ыну?





Сабийхэм: Мыр хэт ухъуну?

Сэтэней:

Сэ Нарт хасэм сыкъик1ащ

Сэлам гуапи къыфхуэсхьащ

Псалъэ 1ущк1э, ц1ык1ухэ, фэ зыфхузогъазэ:

Уи бзэр гъэ1эсэ

Зэик1 пц1ы умыупс

Псэжь удэмылажьэ

Емык1у ухэмыхьэ

Лыф1 умыгъэбий

Уи напэ хужьу

Ц1ыхум яхэт.

(Мэлычыпхъу ц1ык1у къохьэ)

Сэтэней гуащэ, уэ щхьэ сыкъэбгъэна?

Нанэ\ выл бэлыджэ, кхъуей шыпс, къундэ псэу т1эк1у, жи1эри сыкъигъэк1уащ.

Сэтэней: Си1эущытмэ си к1эр дыщэ данэк1э къаудыхь.

«Мэхь» жып1эмэ хьэ къарищэ къызэхуэсу. Сыщымыпсэужым дежи гъуаплъэ бэн схуаущ1ыж.

(Мэлычыпхъу):

Уи1э пщ1ондэ- уи к1эр хьэцыбанэк1э къаудыхь . «Мэхь» жып1эмэ хьэ къарищэ къызэхуэсу. Псы севгъафэ жып1эмэ кхъузанэк1э къыпхуаухь. Ущымыпсэужым дежи псыпц1эжь ят1эм ухаудзэж.

Тхьэк1умэк1ыхь, К1эпхъ, Бажэ къохьэ:

Дыкъэса си гугъэщ, феплъыт. Месыр, плъагъуркъэ сабий садыр.Сабийхэм : Фыкъеблагъэ, ф1ыуэ тлъагъу, псэущхьэ ц1ык1ухэ!

К1эпхъым: Фи унафэр щызэхэсхым, мэзым щ1эсхэр дыкъэк1уащ, пшынэ ц1ык1ури къыфхуэтхьащ.

(Адыгэ къафэ )Уд фызыжььым: Мыпхуэдэ махуэ дахэм 1уэху мыхъумыщ1э уи щхьэм къихьэм сытк1э къыпхуэгъун? Нобэ вакъэ зэвым сиуващ, хыми нит1к1э сыхэплъащ.Ц1ык1ухэ, фи псысэм к1э и1эху сэри сызыхэвгъэт.

Сабийхэм:

Уэ блэ зэраук1а башщ,

Уэ уи цищ мэп1ий

Щхьэм имытмэ , лъакъуэм и мыгъуагъэщ.

Удыр и щхъухьым ехьыж.

Узэлъэ1у нэхърэ къолъэ1у, жа1э,- деплъынщ уи псалъэр зэрыпэжым.

Уд фызыжььым:

Си щхьэр лъагэу сывгъэлъэкгъужащ. Абы къыхэк1к1э къыфхуэсхьащ пасэрей джэгук1э «Пы1э къуэдзэ» (Мэджэгухэр)

Уд фызыжььым:

Сэ алъандэрэ къэзгъэщ1ар сытым щыщ? Си гур хуабэ къысхуэфщ1ащ, ныбжьэгъ куэди къэзгъуэтащ. Саугъэту сэ хъуэхъу дахи вжес1эжынщ.





Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,

ЩIым и лъащIэр дитIысыпIэу,

Уафэгъуагъуэм дыкъимыгъаскIэу,

КъаскIэхэр ди бийхэр арауэ,

ХъуаскIэхэр ди жьэгу мафIэм къыдидзу,

Дыгъэ къуэпсым и нурыр къытхидзу,

Пшэхэр ди къуэш пэлъытэу,

Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,

Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,

Ди губгъуэ Iэнэхэр дыгъафIэу,

Нартхэ я лъэужьыр хэмыгъуащэу,

Дызытеувэр щIы фIыцIэ щабэу,

Адыгэ Хабзэр ди щIэблэм едгъащIэу,

Шыгъу пIастэм зыщыдмыгъащIэу,

ФIы щIэным дыхуэпIащIэу,

Нэщхъеягъуэхэр ди мащIэу,

Ди псы уэрхэр IуедмыгъащIэу,

Ди псыхъуэжь кIуэцIхэр къабзащэу

Адыгэ цIыхухэр щэджащэу,

Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,

АдыгэщIхэм дыщытепщэу,

Жьы угъурлыхэр къытхуепщэу,

Ди псыхэр мыутхъуэрэ,

Псынэпсхэр бжыгъэншэу къыщIэжу,

Ди Iэнэм тетыр тхъущIэжу,

Ди тхыдэ телъыджэр тщIэжу,

Iуэху зэпыдгъэуахэм тхупыщэжу,

Гъавэр хадэхэм щыгъунэжу,

Къуэпс ныкъуэфхэр пыдгъэжу

Зэпыча псор тхузэпыдэжу,

ЩхьэгъэпцIэныр дымыдэжу,

Ддэр цIыхугъэрэ напэу,

Адыгэ Хэкум и Iуэхур тфIэнэхъапэу,

ЗэгурыIуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу

Зыми зедмыгъэщхьрэ

Псоми зыкъыдагъэщхьыу,

Ди псыежэххэм я щIагъыр мывэкIэщхъыу,

ДыгуфIэгурэ дыгушхуэу,

Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу.











 
 
X

Чтобы скачать данный файл, порекомендуйте его своим друзьям в любой соц. сети.

После этого кнопка ЗАГРУЗКИ станет активной!

Кнопки рекомендации:

загрузить материал